Books
Books
رسول الإسلام محمد صلى الله عليه وسلم
Алыхь ГущIэгъущIу ГущIэгъу зыхэлъым и цIэкIэ Ислъам диным и лIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын Ислъам диным и лIыкIуэ Мухьэмэд [1], Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, теухуа тхыгъэ кIэщI, нахуэ щызощIыр мыбдежым абым и цIэр, къызыхэкIар, къыздэхъуа щIыпIэр, къишар, и лIыкIуэ къалэныр, къызыхуриджар, и бегъымбарыгъэм и нэщэнэхэр, и шэрихьэтыр, пэрыуэгъу хуэхъуахэм къращIылIауэ щытар. [1] Мыбдежым сытым щыгъуи лIыкIуэ Мухьэмэд зэщIыгъуу зэрыжысIэнум сыпылъащ, зэзыдзэкIынухэм щхьэкIэ, аращи абым гу лъытэн хуейщ. 1 - Абы и цIэмрэ, къызыхэкIамрэ, къыздэхъуа икIи…
Ислъамыр
Алыхь ГущIэгъущIу, ГущIэгъур зыхэлъым и цIэкIэ Зэ уи щхьэкIэ узыщIэупщIэжат уэ: "Хэт уафэхэри щIылъэри, абыхэм инышхуэу тетри къэзыгъэщIар? Хэт дунейр зэрызекIуэр нэгъэсауэ къэзыгъэщIар?
Хэт сыкъэзыгъэщIар? Сыт сыкъыщIагъэщIар?
Сытми къегъэлъагъуэр КъэзыгъэщIыр зэрыщыIэр! Хэт уафэхэмрэ щIылъэмрэ ятет псэущхьэ къызэрымыкIуэ къыпхуэмылъытэн псори къэзыгъэщIар? Хэт зегъэкIуэныгъэ нэгъэсауэ зыми хуэмыдэу уафэхэми щIылъэми щыIэр къэзыгъэщIар? Хэт цIыхур къэзыгъэщIар? Хэт абы зэхихыу, илъагъуу зыщIар? Акъыли хэт езытар? Хэт абы зыгуэр къищIэфу икIи къыгурыIуэу зыщIар? Дауэрэ къыдгурыбгъэIуэфыну уи Iэпкълъэпкъми нэгъуэщI къэгъэщIауэ хъуам я Iэпкълъэпкъми хэт зэтегъэпсыхьыныгъэхэр зэрылажьэр нэгъэсауэ? Хэт ахэр къэзыгъэщIахэр? Дауэрэ зэтеувэрэ икIи зиIыгърэ мы дунеишхуэм и унафэ зэрызэхэзекIуэу хъуар, ахэр зезыгъакIуэр…
Ислъамыр Алыхьым и лIыкIуэхэм я динщ
Ислъамыр дунейуэ хъуар къэзыгъэщIауэ ар зезыгъакIуэ Алыхьым ухуэжыIэщIэныращ, Абы и унафэм ущIэтыныращ бгъэлъапIэу икIи фIыуэ плъагъуу. Ислъамым и тегъэщIапIэр Алыхьыр уи фIэщ хъуныращ, Ар и закъуэу КъэзыгъэщIщ, адрейуэ хъуар къэгъэщIащ. А зыращ хуэпщылIыныр зыхуэфащэр, гъусэ иIэкъым Абы. НэгъуэщI зыми хуэпщылIыныр хуэфащэкъым Абы фIэкIа. Абы иIэщ цIэ дахащэхэмрэ сыфэт лъапIэхэмрэ. Ар сытым хуэдэ лъэныкъуэкIи нэгъэсауэ фIыщэщ, зы ныкъусаныгъи иIэкъым. Ар зыми къилъхуакъым, Езыми зыри къилъхуакъым, щыIэкъым Абы хуэди, Абы ещхьи. Ар къигъэхъуахэм щыщу зыми хыхьэкъым, абыхэми яхэту щыткъым.…