رسول الإسلام محمد صلى الله عليه وسلم
Алыхь ГущIэгъущIу ГущIэгъу зыхэлъым и цIэкIэ Ислъам диным и лIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын Ислъам диным и лIыкIуэ Мухьэмэд [1], Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, теухуа тхыгъэ кIэщI, нахуэ щызощIыр мыбдежым абым и цIэр, къызыхэкIар, къыздэхъуа щIыпIэр, къишар, и лIыкIуэ къалэныр, къызыхуриджар, и бегъымбарыгъэм и нэщэнэхэр, и шэрихьэтыр, пэрыуэгъу хуэхъуахэм къращIылIауэ щытар. [1] Мыбдежым сытым щыгъуи лIыкIуэ Мухьэмэд зэщIыгъуу зэрыжысIэнум сыпылъащ, зэзыдзэкIынухэм щхьэкIэ, аращи абым гу лъытэн хуейщ. 1 - Абы и цIэмрэ, къызыхэкIамрэ, къыздэхъуа икIи…
These files are generated automatically from the book's text; their layout may differ from the printed edition.
Алыхь ГущIэгъущIу ГущIэгъу зыхэлъым и цIэкIэ
Ислъам диным и лIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын
Ислъам диным и лIыкIуэ Мухьэмэд [1], Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, теухуа тхыгъэ кIэщI, нахуэ щызощIыр мыбдежым абым и цIэр, къызыхэкIар, къыздэхъуа щIыпIэр, къишар, и лIыкIуэ къалэныр, къызыхуриджар, и бегъымбарыгъэм и нэщэнэхэр, и шэрихьэтыр, пэрыуэгъу хуэхъуахэм къращIылIауэ щытар. [1] Мыбдежым сытым щыгъуи лIыкIуэ Мухьэмэд зэщIыгъуу зэрыжысIэнум сыпылъащ, зэзыдзэкIынухэм щхьэкIэ, аращи абым гу лъытэн хуейщ.
1 - Абы и цIэмрэ, къызыхэкIамрэ, къыздэхъуа икIи здызэтеува щIыпIэр
Ислъам диным и лIыкIуэм и цIэр Мухьэмэд бин Абдуллах бин АбдульмутIалиб бин Хашим, ар Исмахьил бин Ибрэхьим и бынхэм щыщщ, сэламыр къалъыс а тIуми. Алыхьым и бегъымбар Ибрэхьим Щамым къикIри Мэчэм къэкIуащ и щхьэгъусэ Хаджэррэ, абыхэм я къуэ Исмахьилрэ гущэхэпхэу ящIыгъуу. ИтIанэ ахэр Мэчэм щыпсэуну къигъэнахэщ Алыхь ЛъапIэу Лъагэм и унафэкIэ. Исмахьил балигъ щыхъум, Ибрэхьим бегъымбарыр, сэламыр къылъыс, Мэчэм къакIуэри, и къуэ Исмахьил, сэламыр къылъыс, щIыгъуу Чэбэ Алыхьым и унэр ящIащ. ИтIанэ а Унэм и хъуреягъкIэ цIыхухэр куэду къетIысэкIащ, Мэчэр Алыхь дунейуэ хъуам я Тхьэм хуэпщылIу хъуами я кIуапIэ хъуащ, хьэж зыщIыну хуейуэ хъуам щхьэкIэ. ИтIанэ цIыхухэр лIэщIыгъуэ куэдкIэ тетахэщ Ибрахьим, сэламыр къылъыс, и гъуэгум Алыхьым хуэпщылIхэу, Ар ягъэзакъуэу, итIанэ захуэм текIахэщ. Хьэрыпхэм я щIыр а зэманым нэгъуэщI ихъуреягъым щылъ щIыхэм хуэдэт, тхьэ куэдым хуэпщылIхэм ящIэ куэди ящIэт: тхьэ нэпцIхэм хуэпщылIхэт, пщащэхэр псэууэ щIатIэхэт, бзылъхугъэхэм залымыгъэ ирахт, пцIы яупст, фадэ ефэхэт, мыхъумыщIагъэхэр ящIэрт, ибэм и мылъкур яшхт, ахъшэм фаидэ къытрахт (процент)... Апхуэдэ щIыпIэм икIи апхуэдэ гупым къыщыхъуащ Ислъамым и лIыкIуэ Мухьэмэд бин Абдуллах, Исмахьил бин Ибрэхьим и щIэблэм щыщыр, абыхэм псоми сэламыр къалъыс. Ар къэхъуащ 571 гъэм. И адэр ар къэмыхъуауэ иджыри дунейм ехыжащ, и анэр дунейм ехыжащ, абы илъэсих и ныбжьу. Абы и адэкъуэш Абу ТIалиб ипIащ ар. Ар къэхъуащ ибэу, тхьэмыщкIэу, и IитIым къилэжьар ишхыу.
2 - Бэрэчэт зыхэлъ нысашэм бэрэчэт бзылъхугъэ къашащ
И ныбжьыр илъэс тIощIрэ тху щыхъуам къишащ Мэчэм я бзылъхугъэхэм я нэхъыфIыр, ар Хъэдиджэ бинт Хъууейлид, Алыхьыр арэзы хуэхъу. Абым хъыджэбз цIыкIуу плIырэ, щIалэ цIыкIуитIрэ къыхуилъхуащ. ЩIалэ цIыкIухэр иджыри цIыкIухэу дунейм ехыжахэщ. Ар и щхьэгъусэми, и унагъуэми егъэлеяуэ щабэу, лъагъуныгъэшхуэ хэлъу ядызекIуэт. Абы щхьэкIэ и щхьэгъусэ Хъэдиджэми хуабжь дыдэу фIыуэ къилъэгъуащ ар, езыми апхуэдэ къабзэу илъэгъуащ. Абы и щхьэгъусэр дунейм ехыжа иужь илъэс куэд дэкIами щыгъупщакъым. Мэл фIигъэжамэ, Хъэдиджэ, Алыхьыр арэзы хуэхъу, и ныбжьэгъуу щыта бзылъхугъэхэм яхуигуэшт, абыкIэ игъэлъапIэхэу, и щхьэгъусэ дунейм ехыжами фIы кIэлъызэрихьэу, яку дэлъа лъагъуныгъэм и фэеплъыр ихъумэу.
3 - Уэхьи* къехыну зэрыщIидзар
ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, хьэл дахащэ хэлът Алыхьым къызэригъащIэрэ, абы и лъэпкъыр къызэреджэхэтэр Садикъ[1] Амин[2]. Абым псоми ящIыгъуу Iуэху щIыхь зыхэлъхэр ищIэрт, ауэ тхьэ куэдым зэрыхуэпщылIхэр илъагъу хъутэкъым икIи зэи яхыхьэтэкъым апхуэдэ щащIэкIэ.
И ныбжьыр илъэс плIыщIым щынэсым, ар Мэчэм щыIэурэ Алыхьым къыхихащ и лIыкIуэу щытыну. Абы къыхуехащ мелыIыч Джибрил, сэламыр зылъысын, япэрей КъурIэным щыщ сурэр къыхуихьри. Ар Алыхьым и псалъэхэращ: (1) Еджэ! Уи Тхьэу къэзыгъэщIам и цIэкIэ, (2) ЦIыхур къыхищIыкIащ лъы пцIам. (3) Еджэ! Уи Тхьэращ нэхъ Жумартыр, (4) Аращ къэлэмкӀэ языгъэщIар, (5) языгъэщIар цӀыхум ямыщIэу щытар. [Сурэ Аль-Хьэлэкъ: 1-5] Ар и щхьэгъусэ Хъэдиджэ, Алыхьыр арэзы хуэхъу, къэкIуащ и Iэпкълъэпкъыр кIэзызу, къэхъуар щыхуиIуэтэжым, абы игъэбэяуащ, итIанэ и адэкъуэшым и къуэ Уэрэкъэ бин Науфаль и деж ишащ. Уэрэкъэ чыристан диныр къищтат икIи Тэуратымрэ Инджылымрэ еджат. Хъэдиджэ абы жриIащ: "Уэ си адэкъуэшым и къуэ, едэIут мы уи къуэшым и къуэм жиIэм". Уэрэкъэ итIанэ щIэупщIащ: "Уэ си къуэшым и къуэ, сыт плъагъур?" ИтIанэ Алыхьым и лIыкIуэм, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, хуиIуэтащ илъагъур псори. Абдежым Уэрэкъэ къыжриIащ: "Ар Намус (мелыIыч Джибриль) Алыхьым Мусэ къыхуригъэхатэращ. ЩIалэу сыщытамэ аратэкъэ, псэууэ сыщытамэ аратэкъэ, уи лъэпкъым ущыдахукIэ". Алыхьым и лIыкIуэм, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, жиIащ: "Ахэм сыдахунуи?" Абы жиIащ: "НтIэ, зэи лIы къэкIуакъым, уэ къэпхьар къихьауэ, абы бий хуэмыхъуахэу. Сэ а махуэм нэс сыпсэумэ, схуэлъэкI къэзмыгъанэу сыбдэIэпыкъунщ"[2]. [2] ТIури зэрызэгурыIуащ, Айшэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, и хьэдисхэм щыщщ. Ал-Бухъари и "Сэхьихь": (2) 1/7, Муслим и "Сэхьихь": (152) 1/139.
Мэчэм зэпыщIауэ КъурIэныр къыхуехт, Джибриль, сэламыр къылъыс, ар къыхуихьт, дунейхэм я Тхьэм и деж къикIауэ, итIани къыхуихьт зэрылIыкIуэм епха Iэмырхэри.
Абы и лъэпкъыр къыхуриджэт Ислъам диным, ауэ и лъэпкъым ар ядакъым, икIи едауэхэу куэдрэ щытахэщ. ИтIанэ пщIэ иратыну хуеяхэщ, абы щигъэтыным щхьэкIэ лIыкIуэм и пщэм дэлъыр нигъэсыныр, ягъэгугъащ мылъкукIи, унафэкIи, ауэ абы зыри идакъым. ИтIанэ жраIащ, езым ипэкIэ щыIа лIыкIуэхэм зэрыжраIам хуэдэу: "Удщ, пцIыупсщ, щымыIэхэр зэхэзылъхьэщ". Абы бэлыхь тралъхьэу щIадзащ, удыни тралъхьащ и пкъы лъапIэм, и ужьым итахэми хьэзаб ирагъэлъэгъуащ. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, дэсащ Мэчэм Алыхьым къыхуриджэхэу, хьэж пIалъэхэр къигъэсэбэпу, хьэрыпхэм хэха зэманхэм сату щащIэ щIыпIэхэм кIуэуэ. Абдежхэм цIыхухэм яIущIэти, Ислъам диным къыхуриджэхэт, мы дунейми, унафэми щIигъэхъуэпстэкъым, къамэкIи игъэшынакъым. Абы унафи IэщIэлътэкъым, пащтыхьуи щытакъым. Ипэ дыдэу диным къыхуриджэну щыщIидзам, зэпеуэ ящIыну яжриIат: КъурIэн ЛъапIэм итым хуэдэ зыгуэрым хузэфIэкIыу щытмэ къихьыну. Ар дэтхэнэ зы къыпэщIэувэми яжриIэт. Сэхьабэ* пщIэ зиIэхэм ящыщ зыбжанэм Iиман къахьащ, Алыхьыр арэзы яхуэхъу абыхэм псоми.
Мэчэм Алыхьым абы фIыщIэ хуищIри нэщэнэ лъапIэ иритащ: ар Иерусалим ихьащ, атIанэ абдеж къикIауэ уафэм дрихьеящ. ИкIи, зэрытщIэщи, Алыхьым ипэкIэ уафэм дрихьеяуэ зэрыщытар бегъымбар Илясрэ*, Хьисэрэ, сэламыр къалъыс тIуми, икIи ар муслъымэнхэми, чыристэнхэми зи гугъу ящIащ. Абдежым уафэм и деж бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, Алыхьым Iэмыр къыхуищIащ нэмэз щIыныр. Аращ муслъымэнхэм нэмэз щIащIыр махуэм тхуэ. ИтIани Мэчэ ЛъапIэм иджыри зы нэщэнэ телъыджэ къыщыхъуащ - мазэр тIууэ зэгуэудащ, ар тхьэ куэдым хуэпщылIхэм ялъагъуу.
Къурейш джаурхэм зыри Iэмал къагъэнакъым, абы пэщIэувэу къагъэувыIэн щхьэкIэ. Абыхэм хьилагъэхэр къагупсысырт, абы ирахыну, цIыхухэм кърагъэгъэнэн папщIэ. ИкIи абыхэм ирагъэлейуэ нэщэнэхэр яригъэлъагъуну хуейхэт. ИтIанэ журтхэри дэIэпыкъуэгъу ящ1ахэщ, щыхьэтлыкъ гуэрхэр къыIрахын папщIэ, абыкIэ едауэхэу хагъэщIэну, цIыхухэри къыкIэрагъэкIын щхьэкIэ.
Къурейш джаурхэм бэлыхьу муслъымэнхэм тралъхьэр нэхъри хьэлъэ щыхъум, бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ, и сэламымрэ зылъысыным, яхуидащ ахэр куэшыну Хьэбэшэм*. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ, и сэламымрэ зылъысыным, яжриIащ абыхэм: "Абдежым пащтыхь хей щыIэщ, зыми абым и деж залымыгъэ ирахкъым". Ар пащтыхь чыристэнхэм ящыщт. Муслъымэнхэр куэшри гупитIу Хьэбэшэм, пащтыхь Наджаши диныр ирагъэлъэгъуащ, езыри къыхураджэри бегъымбар Мухьэммэд, Алыхьым и сэлатымрэ, и сэламымрэ зылъысын, и диным, ар къабыл ищIри къищтащ. Абы жиIащ: "Алыхьым и цIэкIэ соIуэр, мыри, Мусэ, сэламыр зылъысын, къихьари къызэрыкIар зы уэздыгъэщ, абы и лъэпкъми езыми, щIыгъуахэми бэлыхь тралъхьауэ щытащ".
А илъэсым хьэжым къэкIуахэм щыщу Iиман къахьащ Мэдинэм къикIа гуп. Абыхэм псалъэ быдэ иратащ, дэIэпыкъунухэу ар я къалэм куэшыжмэ. А зэманым абым и цIэтэр Ясриб. Абы Iизын яритащ Мэчэм къыдэнахэр куэшыну бегъымбарым и Мэдинэм. Ахэр куэшыжри Ислъамым апхуэдизу зыщиубгъуати Мэдинэм, зы уни къыдэнатэкъым абдежым Ислъамыр имыхьауэ.
Илъэс пщыкIущкIэ бегъымбарыр, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, Мэчэм дэса иужькIэ Алыхьым къыхуриджэу, Алыхь ЛъапIэм абы Iизын иритащ бегъымбарым и Мэдинэм куэшыжыну. Ар, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, куэшыжри Алыхьым къыхуриджэныр пищащ. Абдежым къыщыхуехыу щIадзащ мащIэ-мащIэурэ Ислъамым и шэрихьэтым и унафэхэр. ИтIани абы и лIыкIуэхэр игъакIуэу иригъэжьащ, тхыгъэхэр яIыгъыу лъэпкъхэм я щхьэтетхэмрэ, къэрэлыгъуэхэм я пащтыхьхэмрэ я деж, ахэри Ислъамым къыхуриджэу. Абы зи деж игъэкIуахэм щыщщ урымхэм я пащтыхьыр, къэжэрхэм я пащтыхьыр, Мысырым и пащтыхьыр.
Мэдинэм щыIэхэу дыгъэм иубыдыныгъэ къэхъуащ, цIыхухэри гузэвахэщ. А махуэр техуащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и къуэ Ибрэхьим дунейм щехыжам. ЦIыхухэм жаIат: "Дыгъэм иубыдыныгъэр къыщIэхъуар Ибрэхьим зэрылIаращ". Абдежым бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, жиIащ: "ИпэжыпIэкIэ, дыгъэми мазэми яубыдыныгъэр зыгуэр зэрылIэм е къызэрыхъум епхакъым, атIэ ахэр Алыхьым и нэщэнэхэм щыщщ. Алыхьым абыхэмкIэ и пщылIхэр ирегъэшынэр (3). Бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, пцIы иупстэмэ, е фэрыщIтэмэ, абы цIыхухэр игъэшынэну хуежьэнут, ар пцIыупсу ямыбжын щхьэкIэ. Абы жиIэнут: "Дыгъэм иубыдыгъэр си къуэр зэрылIам щхьэкIэ къэхъуащ, атIэ сэ пцIыупсу сызыбжхэм сыт яхуэфащэр?"
ЛIыкIуэр, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, Алыхьым игъэдэхащ щэн нэгъэсакIэ. Алыхьыр абы щытепсэлъыхькIэ жеIэр: (ИкIи ипэжыпIэкIэ уэ уи щэныр гъуэзэджэщ) (Сурэ Аль-Къэлэм: 4) Абы щэным и нэхъыфIыр хэлът: пэжыныгъэр, гукъэбзагъэр, лIыгъэр, хеиныгъэр, хуэпэжыныгъэр, Iуэхур и бийхэм ехьэлIауэ щытами. Ар хьэлэлт икIи факъырэIус яритыныр фIыуэ илъагъут тхьэмыщкIэхэми, факъырэхэми, фызабэхэми, хуэныкъуэ зиIэхэми. Ар тегъэчынауэ пылът, ахэр гъуэгу захуэм тригъэхьэну, гущIэгъу яхуищIт, захуигъэпагэтэкъым. Хамэ цIыху къыщыкIуэкIэ лIыкIуэм, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, лъыхъуэу, и гъусэхэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъунхэ, яупщIырт, дэнэ ар щыIэ, езыр яхэс пэт. Абы зыкIи закъыхигъэщтэкъыми, хамэр щIэупщIэт: "Хэт фэ фщыщу Мухьэмэдыр?"
Абы и гъащIэр нэгъэсат икIи цIыхугъэ хэлът, адрейуэ хъуам узэрахущытыным и нэщэну щытащ: бийми, ныбжьэгъуми, благъэми, хамэми, нэхъыжьми, нэхъыщIэми, цIыхухъуми, цIыхубзми, хьэкIэкхъуэкIэми, бзуми.
Алыхьым абым диныр щыхунигъэсым, лIыкIуэри, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и мурадым нэсу нигъэсын хуеяр псори зэрынэхъыфIым хуэдэу щынигъэсым, Алыхьым абы и псэр хихащ и ныбжьыр илъэс хыщIрэ щырэ хъууэ. Абым щыщу илъэс плIыщIыр бегъымбар мыхъу щIыкIэ дэкIащ, итIанэ илъэс тIощIрэ щырэкIэ бегъымбару икIи лIыкIуэу щытащ. Ар щIалъхьэжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и Мэдинэм. Абы мылъкуи, щIэини къигъэнакъым, и къыдыр Ал-БэйдаI зытесу щытам мыхъумэ, итIани щIы къигъэнащ, гъуэгурыкIуэхэм щхьэкIэ факъырэIусу (4). (4) Ал-Бухъари и "Сэхьихь": 6/15 (4461). (3) Муслим и "Сэхьихь": 901
Ислъам диным къихьахэр, ар зи фIэщ хъуахэр, иужьым ихьахэр куэд дыдэхэт. Абы хьэж щищIам щIыгъуауэ щытащ минищэм къехъу цIыхуу. Ар езыр дунейм ехыжын ипэ мазищ хуэдиз ипэкIэ къэхъуащ. Арауэ хъунщ абы и диныр хъума щIэхъуари, абы зыщIиубгъуари. Абы щIыгъуа сэхьабэхэр* езым щIипIыкIат дин Ислъамым и фIыгъуэм, и купщIэм тетхэу. Ахэр цIыхум я нэхъыфIхэщ, хейхэщ, дунейм зыдезымыгъэхьэххэщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэщ, хуэпэжхэщ, яхузэфIэкIыр щIатащ мы дин лъапIэм, ар я фIэщ хъури.
Абы и сэхьабэхэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъунхэ, я нэхъ лъэщу щытахэр я фIэщхъуныгъэкIэ, щIэныгъэкIэ, лэжьыгъэкIэ, гу къабзагъэкIэ, пэжыгъэкIэ, тынымкIэ, лIыгъэкIэ, хьэлэлыгъэкIэ мыхэращ: Абу Бэкр Ас-Сыдикъ, Умар бин Аль-ХъэтIаб, Усман бин Хьэфан, Али бин Аби ТIалиб. Ахэращ япэрейуэ лIыкIуэр, Алыхьым и сэлятыр зылъысын, зи фIэщ хъуахэр, ар пэжу зыбжахэр, ахэращ абы иужь щхьэтет хъуахэри. Абыхэм бегъымбарыгъэм щыщу зыри яхэлътэкъым, зыри адрей сэхьабэхэм яримытауи яритатэкъым.
Алыхьым абы къыхуригъэха Тхылъри, абы и Сунэри, и гъащIэм и хъыбарри, псалъэуи, лэжьыгъэуи ищIауэ хъуар ихъумащ абы и бзэмкIэ. Тхыдэм щыIэкъым нэгъуэщI зыми и гъащIэм теухуар, апхуэдэу нэгъэсауэ яхъумауэ, абы и гъащIэм хуэдэу. Ар зэрыжейуэ, зэрышхэу, зэрефэу, зэрыдыхьэшхыу щытам нэгъунэ яхъумэри къаIуэтэжащ. Ар и Iыхьлыхэм зэрахуэщытари, и унэм щыщIэскIэ хьэлу иIари - псори яхъумащ. Абы и щытыкIэу хъуари ятхыжри яхъумащ, и гъащIэм и тхыдэм хэту. Ар цIыхут, лIыкIуэт, Тхьэм и плъыфэхэм щыщу зыри хэлъакъым, и щхьэм сэбэпи, ягъи ирихыжыфынутэкъым.
4. Абы и тхыгъэр
Алыхьым къигъэкIуащ Мухьэмэд, Алыхьым и сэламыр зылъысын, тхьэ куэдым хуэпщылIыным, джаурыгъэм, щIэныгъэншагъэм щIыр дэнэкIи щызэщIищтам. ЩIым къытенэжар мащIэ дыдэт Алыхьым хуэпщылIу, зыри Абы гъусэ хуэзымыщIу, Тхылъ къызыхуехахэм щыщ закъуэтIакъуэхэм мыхъумэ. Алыхьым къигъэкIуащ и лIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатыр зылъысын, бегъымбархэмрэ лIыкIуэхэмрэ яужьрейуэ. Абы Алыхьым къыхуригъэхащ гъуэгу захуэмрэ, дин пэжымрэ, дунейуэ хъуам папщIэ, а диныр дин псоми къащхьэщыIэтыкIауэ щытын щхьэкIэ, цIыхухэр тхьэ нэпцIхэм хуэпщылIыным, джаурыгъэм, щIэныгъэншагъэм къыхишу Тхьэ закъуэм хуэпщылIынымрэ Iиманымрэ хуишэным папщIэ. Абы и лIыкIуэ къалэныр адрей лIыкIуэхэм къахьауэ щытар иризгъэкъужщ, абыхэм псоми Алыхьым и сэламыр къалъыс.
Бегъымбару икIи лIыкIуэу щыIауэ хъуам къызыхураджам къыхуриджащ: Нухьи, Ибрэхьими, Муси, Сулеймани, Дауди, Хьиси. Ар Алыхьыр зэры-Тхьэ закъуэр уи фIэщ пщIыныращ. Аращ КъэзыгъэщIыр, ерыскъы язытыр, псэ хэзылъхьэр икIи хэзыхыр, унафэр псори зыIэщIэлъыр. Аращ псори зезыгъакIуэр, Аращ ГущIэгъущIыр, гущIэгъу зыхэлъыр. Алыхьыращ къэзыгъэщIар щыIэу хъуар, тлъагъури абыхэм щыщу, дымылъагъури. Алыхьым нэгъуэщI адрейхэр псори Абы къигъэщIахэм щыщщ.
ИтIани бегъымбарым, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, къыхуриджащ Алыхь закъуэм хуэпщылIыным, нэгъуэщI псоми Абы мыхъумэ хуэпщылIыныр къэгъэнэным. Абы нэгъэсауэ гурыIуэгъуэ ищIащ Алыхьыр зэрызакъуэр, гъусэ зэримыIэр хуэпщылIынми, унафэми, къэгъэщIынми, зегъэкIуэнми. Абы гурыIуэгъуэ ищIащ Алыхьым зыри къызэримылъхуар, Езыри къызэрамылъхуар, Абы зыри зэрыхуэмыдэри, зэремыщхьри, Ар къигъэхъуахэм щыщу зыми зэрыхэмыхьэри, абы и сурэт къызэримыщтэри.
Абы къыхуриджащ Алыхьым къригъэха Тхылъу хъуар уи фIэщ пщIыным: Ибрэхьими Муси я тхылъхэри, абыхэм тIуми Алыхьым и сэламыр ялъыс, Тэуратри, Забурри, Инджылри. ИтIани абы къыхуриджащ лIыкIуэхэр псори уи фIэщ пщIыным, Алыхьым и сэламыр ялъыс. Бегъымбархэм щыщу зыр пцIыуэ зыбжар джаурщ, адрейхэри псори пцIыуэ ибжащ.
Абы цIыхухэр псори игъэгуфIащ, Алыхьым и гущIэгъуныгъэмкIэ, Алыхьым ахэр мы дунейм зыхуэныкъуэу хъуар зэрыхуигъазэхэр, Алыхьыр зэры-Тхьэ ГущIэгъущIыр. Абы и закъуэщ къэгъэщIауэ хъуар Къемэт махуэм зылъытэнур, ахэр псори я кхъэхэм къыщIигъэкIыжа иужькIэ. Абы и закъуэщ Iиман къэзыхьахэм фIыуэ ящIам щхьэкIэ яхуэфащэр язытыжынур пщIыкIэ егъэхъуауэ, Iуэху Iейм атIэ зыуэ хуэфащэр къызэрыпэкIуэнур. Абыхэм тхъэгъуэ мыухыжыр яхуэгъэхьэзыращ ахърэтым. Джаурхэми, Iей зыщIахэми атIэ яхуэфащэр ягъуэтыжынущ мы дунейми, ахърэтми.
ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и лIыкIуэ къалэным и лъэпкъри, и къалэри, езыри егъэлеяуэ къыхигъэщакъым. ИкIи КъурIэн ЛъапIэм бегъымбархэу Нухьи, Ибрэхьими, Муси, Хьиси, сэламыр зылъысынхэ, я цIэхэр нэхъыбэрэ къэкIуащ абы и цIэм нэхърэ. Абы и анэм и цIэри, и щхьэгъусэхэм я цIэхэри ириIуакъым КъурIэн ЛъапIэм. АтIэ Мусэ и анэм зэкъым КъурIэным и гугъу зэрищIар, Мэрями, сэламыр зылъысын, и цIэр 35 къэкIуащ.
ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, щыхъумащ дэтхэнэ шэрихьэтми, акъылми, цIыхум хэлъу къызэрагъэщIа хьэлми, хьэл-щэн дахэми емыкIуу хъуам. Апхуэдэу щIыщытыр бегъымбархэр зэрыщыхъумахэращ щыуагъэхэм Алыхьым и деж къикIыу цIыхухэм нагъэсым ехьэлIауэ. Абыхэм я пщэм дэлъыр Алыхьым и Iэмырхэр и лIыкIуэхэм нагъэсынращ. Бегъымбархэм зыри яхэлъкъым Алыхьышхуэу Тхьэ закъуэм и плъыфэхэм щыщу. Ахэр цIыхухэщ, адрей цIыхухэм хуэдэу, Алыхь ЛъапIэм абыхэм и уэхьи къахуригъэхыу аращ, лIыкIуэ къалэныр ятрилъхьэу.
Бегъымбар Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и лIыкIуэ къалэныр Алыхьым и уэхьиуэ зэрыщытам и щыхьэтлыкъ нахуэщ, ар иджыри къыздэсым зэрыщытыр ар псэууэ щыщытам хуэдэу. Иджыпсту а диным тетщ миллиардым щIигъу муслъымэнхэу, абыхэм шэрихьэтым и унафэхэр ягъэзащIэр: нэмэзыр, сэджытыр, нэщIыр, хьэжыр, адрей унафэхэри псори, ахэр зэрамыхъуэкIауэ икIи зэрамыдзэкIауэ.
5 - Абы и бегъымбарыгъэм и телъыджагъэхэр, и щыхьэтлыкъхэр, и нэщанэхэр
Алыхьым къегъэпэжыр бегъымбархэр телъыджагъэхэмкIэ, абыхэм я бегъымбарыгъэм и щыхьэту. Абы къехьыр щыхьэтлыкъ нахуэхэр ахэр зэрылIыкIуэхэмкIэ. Бегъымбар къэскIэ яритащ Алыхьым телъыджагъэхэр цIыхухэм, Iиман къахьын папщIэ ирикъунхэу. А телъыджагъэхэм щыщу нэхъ лъапIэ дыдэу бегъымбархэм ящыщу зритар ди бегъымбар Мухьэмэдщ, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын. Абы иритащ Алыхьым КъурIэн ЛъапIэр. Ар бегъымбархэм я телъыджагъэхэм щыщу Къемэт махуэм нэс къэнэнуращ. ИтIани Алыхьым абым телъыджагъэ нэгъуэщIхэри къритащ. Бегъымбар Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и телъыджагъэхэр куэдщ. Абыхэм щыщщ:
ИсраIрэ Михьраджрэ (Мэчэм къикIауэ Къудсым нэс Алыхьым ихьри, итIанэ уафэм дрихьеящ), мазэр зэрызэгуэчар, уэшхыр бжыгъэрэ къешхащ ар Тхьэм щелъэIум цIыхухэм уэгъу яIа иужь уэшх къахуригъэхыну.
Шхынымрэ псымри мащIэ дыдэхэми куэд хъухэт, цIыху куэдым яшхыфу, ефэфу.
Абы къиIуатэт ипэкIэ къэхъуауэ щытахэр, абыхэм я къэхъукIэхэм зыми химыщIыкIыу, Алыхьым иригъащIэт. Апхуэдэщ ипэкIэ щыIа бегъымбархэмрэ, Алыхьым и сэламыр зылъысынхэ, я лъэпкъхэмрэ я кум къыщыхъуахэр, бгъуэнщIагъым щIэлъахэм я хъыбарри.
Абы иужкIэ къэхъунухэм щыщу ущэхуахэри къиIуатэт, Алыхьым иригъэщIа иужь. Ахэр итIанэ къэхъуахэщ, мафIэр Хьиджазым и щIым къызэрыдэкIынум хуэдэу, ар Шамым щалъагъуу. ЦIыхухэми унэ лъагэхэр зэпеуэу зэращIынури.
Хурикъурт абы Алыхьыр, Абы щихъумэт ар цIыхухэм.
Абы и сэхьабэхэр зэригъэгугъахэри къэпэжащ, псалъэм папщIэ: "Къэжэрхэмрэ урымхэмрэ къэвзэунущ, абыхэм я мылъкури Алыхьым и цIэкIэ вгъэкIуэнущ".
Алыхьым абы дэIэпыкъуэгъуу мелыIычхэр къигъакIуэт.
Бегъымбар адрейхэми, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысынхэ, я лъэпкъхэр ягъэгуфIэт, бегъымбар Мухьэмэд лIыкIуэу къызэрыкIуэнумкIэ, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын. Апхуэдэу абы и хъыбарымкIэ ягъэгуфIат я лъэпкъхэр Муси, Дауди, Сулеймани, Хьиси, Исраил и бынхэм щыщ нэгъуэщI бегъымбархэми, Алыхьым и сэламыр зылъысынхэ.
Къихьащ итIани акъылым къыгурыIуэ щыхьэтлыкъхэри, щапхъэ нахуэхэри (5), зи акъылыр зэтетым ахэр къабыл ищIхэу. (5) Псалъэм папщIэ мы Алыхь ЛъапIэм и псалъэхэр: "Уэ цIыхухэ, хъыбар къыфхуаIуатэри, федаIуэ абы! Фэ Алыхьым нэгъуэщI фызэлъэIухэм бадзи къагъэхъуфынукъым, псори абы щхьэкIэ зэхыхьами. Бадзэми зыгуэр яIрихамэ, абы кърагъэгъэзэжыфкъым. Къарууншэщ къыIизыхри, къызыIрахри" (Сурэ Аль-Хьэдж: 73).
А нэщэнэхэмрэ, щыхьэтлыкъхэмрэ, щапхъэ акъылым къабыл ищIхэмрэ КъурIэнымрэ Сунэмрэ къыщыхьащ. Абы и нэщэнэхэ куэд дыдэщ къыумылъытэфыну. Ахэм щыгъуазэ хъуну хуейр КъурIэн ЛъапIэм, Сунэм и тхылъхэмрэ бегъымбарым и гъащIэмрэ зэрыт тхылъхэм иреджэ. Абыхэм итщ шэч зыхэмылъ хъыбархэр, а нэщэнэхэм теухуауэ.
А телъыджагъэхэр къэмыхъуатэмэ, абы и бийхэу Аравийскэ хытIыгу ныкъуэм щыпсэу къурейшхэми, журтхэми, чыристэнхэми яхузэфIэкIынут пцIы иупсауэ жаIэу цIыхухэм жраIэну хуэсакъынхэу.
КъурIэн ЛъапIэр бегъымбар Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысыным, Алыхьым къыхуригъэха тхылъщ, ар дунейуэ хъуам я Тхьэм и псалъэщ. Алыхьым цIыхухэми, жинхэми яжриIащ яхузэфIэкIмэ абым хуэдэ къахьыну, е абы щыщ сурэхэм хуэдэ зы къахьыну. Нобэрей махуэри къыздэсым а къызыхуриджар зыми имыщIэфауэ къокIуэр. КъурIэн ЛъапIэм жэуап куэд яретыр упщIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэу цIыху мелуаным я акъылыр зыпэмылъэщахэм. КъурIэнышхуэр хъумащ хьэрыпыбзэкIэ къызэрехам хуэдэ дыдэу, абы щыщу зы хьэрфи щымыщIауэ. Ар ягуэшыр тедзауэ, ар телъыджэщ, лъапIэщ. Ар нэхъ лъапIэ дыдэу цIыхум къахуеха тхылъщ. Ар хуэфащэщ уеджэну е и мыхьэнэм зэдзэкIауэ уеджэну. Ар щIэзмыплъыкIам икIи ар зи фIэщ мыхъуам фIы куэд дыдэ щыщIауэ аращ. ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и Сунэри, и гъащIэри, и дуней тетыкIэу щытари яхъумауэ къыднагъэсыжащ дзыхь зыхуэпщIыныпхъэ цIыхухэм. Ари традзауэ къыдагъэкIащ хьэрыпыбзэкIэ, езы лIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, зэрыпсалъэу щыта бзэмкIэ. Ар дэ къытхэту псэум хуэдэщ. ИкIи а традзари зэрадзэкIащ бзэ куэдкIэ. КъурIэн ЛъапIэмрэ лIыкIуэм, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, и Сунэмрэ дин Ислъамым и унафэхэмрэ и щытыкIэмрэ къыздитх закъуэхэращ.
6. ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, къихьа шэрихьэтыр
ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, къихьа шэрихьэтыр Ислъам диным и шэрихьэтыращ. Ар Алыхьым и шэрихьэтхэмрэ и динхэмрэ яужьрей дыдэу къехаращ. Ар ипэкIэ къэкIуауэ щыта бегъымбархэм я шэрихьэтхэм я купщIэм тохуэр, зыгуэрхэр зэтекIыу щытми.
Ар зыхуэныкъуэншэу шэрихьэтщ, дэтхэнэ уахътэми, щIыпIэми йокIур. Аращ цIыхухэм я динми, я гъащIэми зыхуэныкъуэнур зыхэлъыр. Абы хэтщ цIыхухэм ялэжьын хуейуэ хъуар я Алыхьым, дуней псом я Тхьэм къатрилъхьар псори, щапхъэм папщIэ, нэмэзри, сэджытри. Сату зэращIэнри, мылъку Iуэхури зэрызэрагъэкIуэнри, езыхэр зэрызэдекIуэнри, нэгъуэщI къэралыгъуэхэм зэрыдызекIуэнхэри, зауэ Iуэхухэри, дунейуэ дыкъэзыухъуреихьым узэрытетынри, пщIэ хъунури, мыхъунури, нэгъуэщI псори цIыхур зыхуэныкъуэу хъуар и гъащIэми, ахърэтми.
А шэрихьэтым къехъумэр цIыхухэм я динхэр, я гъащIэр, я щIыхьри, я мылъкури, я акъылхэри, я бынхэри. Абы хэтщ дэтхэнэ зы фIыри, гуапэри. ИкIи абы ущехъумэр дэтхэнэ Iейми, мыхъумыщIэми. Абы къыхуреджэ цIыхум и нэмысым, захуагъэм, хеиныгъэм, гукъабзагъэм, нэгъэсауэ псори пщIэным, къабзэу ущытыным, лъагъуныгъэм, цIыхухэм фIы яхуэпщIэным, лъы умыгъэжэным, хэкур шынагъуэншэу щытыным, цIыхухэр бгъэщтэныр икIи шынэ ятеплъхьэныр яхуэмыфащэу идэркъым. ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, езауэу щытащ мыхъумыщIагъэм, залымыгъэм сыт хуэдэу ахэр щымытами. ИкIи ар езауэт зэхъуэкIыныгъэ мыхъумыщIэу цIыхум халъхьахэм я гъащIэм, закъуэныгъэм, щихъ хъун хабзэм.
ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, игъэунэхуащ Алыхьым цIыхур зэригъэлъэпIар, ар цIыхухъуми, цIыхубзми, абы и хуитыныгъэу хъуари иритыныр зытрилъхьащ Езым, хуеиныгъэ иритащ, езым къыхихыфыну зыхуей Iуэхури, еплъыкIэри, щытыкIэри. Езы цIыхур жэуап такIуэу ищIащ, сыт хуэдэ зэран зырахыжми езыхэми, нэгъуэщIхэми ирахми. Абы ищIащ лIыри, фызри зэхуэдэу Iиман къахьыну ятелъхэу, жэуаптыныр я пщэхэм дэлъу, псапэри тезырри яхуэфащэу. Мы шэрихьэтым хуабжь дыдэу гулъытэ хуещIыр бзылъхугъэм: ар анэми, щхьэгъусэми, пхъуми, шыпхъуми.
Шэрихьэту бегъымбар Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, къихьам ехъумэр акъылыр, ар мыхъумыщIэ зыщIыфыну хъуар хьэрэм ищIащ, псалъэм папщIэ, фадэр. Ислъамым диныр зэрибжыр акъылым и лъагъуэр хуэзыгъэнэхуущ, цIыхур хуэпщылIыным папщIэ и Тхьэм акъылыфIэу, щIэныгъэ иIэу. Ислъамым и шэрихьэтым акъылыр игъэлъапIэри ищIащ абы къыхэкIыу цIыхум къытехуэу игъэзэщIэн хуейхэр, акъылым Iэхъулъэхъуу телъа къыфIэщIыныгъэхэмрэ тхьэ куэдым хуэпщылIынымрэ трихащ.
Ислъамым и шэрихьэтым и пщIэр еIэтыр щIэныгъэ захуэм, къыхуреджэр щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуеиныгъэхэм хэмыту, къыхуреджэр хэплъэным, егупсысыным мы дунейми, езы и щхьэми. ЩIэныгъэр къызыхуэкIуауэ хъуар пэувкъым лIыкIуэм, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, къихьам.
Шэрихьэтым хэткъым зы лъэпкъыр адрейхэм къащхьэщызыгъэщ, зы цIыху гупыр нэгъуэщIхэм къахэзыIэтыкI. ЦIыху псори зэхуэдэщ шэрихьэтым и пащхьэм, сыту жыпIэмэ цIыхухэр псори къызытекIар зыщи, зы лъэпкъыр адрейм нэхърэ нэхъыфIкъым, зы цIыху гупри адрейм къызэрыщхьэщыкIыфынур тхьэшынагъуэ закъуэщ. Бегъымбар Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, дигъэщIащ сабийхэр псори къабзэу къызэрыхъур я фитIрэкIэ*, зыри цIыхухэм щыщу къэхъукъым гуэныхьыщIэу е нэгъуэщIым и гуэныхьыр телъу.
Ислъам диным и шэрихьэтым Алыхьым хилъхьащ тобэ къэхьыныр. Абы къикIыр цIыхум Алыхьым и деж игъэзэжыныращ, гуэныхьыр къигъанэу. Ислъамым абы ипэкIэ гуэныхьу щыIар псори егъэгъур, тобэ къэзыхьыжами ипэкIэ гуэныхьу ищIар зэуэ егъэгъур. ИкIи цIыхухэм я пащхьэ уи гуэныхьхэр къыжыпIэн хуейуэ щыткъым. Ислъам диным цIыхур ирепхыр Алыхьым занщIэу, зыри яку дэтын хуейкъым уэрэ Алыхьымрэ фи зэхуакум. Ислъамым къытхуидэкъым цIыхухэр тхьэ пэлъыт тщIыну, е Алыхьым хуэдэу тхьэм и плъыфэхэм хуэдэ зыгуэрым ептыну.
ЛIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, къихьа шэрихьэтым ипэкIэ къэкIуауэ щыта шэрихьэтхэр трегъэкIыжыр. А шэрихьэту Алыхьым и деж къикIар иужьрейщ, Къемэт махуэм нэс къэнэнущ, ар дуней псом хуэгъэзащ. Аращ абы ипэкIэ щыIахэр щIытригъэкIыжыр, а ипэкIэ щыIа шэрихьэтхэм зым адрейр зэрытрагъэкIым хуэдэу. Алыхь Талэм къабыл ищIкъым Ислъам диным и шэрихьэтым мыхъумэ нэгъуэщI шэрихьэт зыри. ИкIи Абы къабыл ищIкъым нэгъуэщI дин Ислъам дину бегъымбар Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, къихьам мыхъумэ. Ислъамым нэгъуэщI дин къэзыщтэм ар къабылу Iахынукъым. Абы и унафэхэм нэхъ щыгъуазэ хъуну хуейр ирыреджэ тхылъ дзыхь зыхуэпщI хъунухэу Ислъам диным нэIуасэ ухуэзыщIхэм.
Ислъам диным и шэрихьэтым и мурадыр, адрей Алыхьым къригъэха шэрихьэтхэм хуэдэу, зыщ: цIыхур дин пэжымкIэ хиIэтыкIыу Алыхь дунейуэ хъуам я Тхьэ закъуэм и пщылI хъуныращ, ар нэгъуэщIу зыхуэпщылIхэм къаригъэлыну, цIыхуми, щытыкIэ гуэрми, еплъыкIэ гуэрми яхуэмыпщылIыну.
Ислъам диным и шэрихьэтыр тегъэпсыхьащ дэтхэнэ щIыпIэми, уахътэми, цIыхум фIыуэ хуэфащэм зыми пэувкъым ар, сыту жыпIэмэ, ар Алыхьым и деж къикIащи, Абы ещIэр цIыхур зыхуэныкъуэр. ЦIыхухэр хуэныкъуэщ шэрихьэт захуэу щытым, зыр адрейм пэмыуву и унафэхэм, цIыхухэр игъэзахуэу, цIыхухэм зым адрейм трамылъхьэу ар, Алыхь закъуэм и деж къащтэу, цIыхухэр фIымрэ гъуэгу занщIэмрэ хуишэхэу. ЦIыхур абы тетмэ, я Iуэхухэр зэтеувэнущ, зым адрейм залымыгъэ ирахыжынукъым.
7 - Абы и бийхэр къызэрыпэщIэувахэтэмрэ яубыдауэ щыта увыпIэмрэ
Шэч хэлъкъым бегъымбар къэскIэ бий зэриIам, ар ялъагъу мыхъуу, абы къызыхуриджэми пэувхэу, цIыхухэми Iиман къырамыгъэхьыну лъэкIыныгъэ къэзмыгъанэхэтэр. Алыхьым и лIыкIуэ Мухьэмэд, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын, бий куэд иIащ щыпсэутэми, дунейм ехыжа иужькIи. Алыхьым абыхэм псоми ятригъэкIуащ ар. ИкIи зэкIэлъыкIуэу къэкIуахэщ ипэкIи, иужькIи абыхэм ящыщ куэдым я щыхьэтыр ар зэрыбегъымбарыр, абы къихьар ипэкIэ бегъымбархэм, Алыхьым и сэлатыр зылъысынхэ, къахьауэ щытам зэрыхуэдэр. ИкIи абыхэм ящIэр ар пэжым зэрытетыр, ауэ пэрыуэгъу куэд яIэщ, абыхэм Iиман къахьыным. Псалъэм папщIэ, IэнатIэр, жэмэхьэтым щышынэныр, мылъкур къыздалэжь IэнатIэр яфIэкIуэдыныр.
Щытхъур зейр Алыхьыращ, дунейхэм я Тхьэм.
Related books
All books
Ислъамыр89 languagesИслъамыр
Алыхь ГущIэгъущIу, ГущIэгъур зыхэлъым и цIэкIэ Зэ уи щхьэкIэ узыщIэупщIэжат уэ: "Хэт уафэхэри щIылъэри, абыхэм инышхуэу тетри къэзыгъэщIар? Хэт дунейр зэрызекIуэр нэгъэсауэ къэзыгъэщIар?
الإسلام دين رب العالمين
Ислъамыр Алыхьым и лIыкIуэхэм я динщ85 languagesИслъамыр Алыхьым и лIыкIуэхэм я динщ
Ислъамыр дунейуэ хъуар къэзыгъэщIауэ ар зезыгъакIуэ Алыхьым ухуэжыIэщIэныращ, Абы и унафэм ущIэтыныращ бгъэлъапIэу икIи фIыуэ плъагъуу. Ислъамым и тегъэщIапIэр Алыхьыр уи фIэщ хъуныращ, Ар и закъуэу КъэзыгъэщIщ, адрейуэ хъуар къэгъэщIащ. А зыращ хуэпщылIыныр зыхуэфащэр, гъусэ иIэкъым Абы. НэгъуэщI зыми хуэпщылIыныр хуэфащэкъым Абы фIэкIа. Абы иIэщ цIэ дахащэхэмрэ сыфэт лъапIэхэмрэ. Ар сытым хуэдэ лъэныкъуэкIи нэгъэсауэ фIыщэщ, зы ныкъусаныгъи иIэкъым. Ар зыми къилъхуакъым, Езыми зыри къилъхуакъым, щыIэкъым Абы хуэди, Абы ещхьи. Ар къигъэхъуахэм щыщу зыми хыхьэкъым, абыхэми яхэту щыткъым.…
Хэт сыкъэзыгъэщIар? Сыт сыкъыщIагъэщIар?75 languagesХэт сыкъэзыгъэщIар? Сыт сыкъыщIагъэщIар?
Сытми къегъэлъагъуэр КъэзыгъэщIыр зэрыщыIэр! Хэт уафэхэмрэ щIылъэмрэ ятет псэущхьэ къызэрымыкIуэ къыпхуэмылъытэн псори къэзыгъэщIар? Хэт зегъэкIуэныгъэ нэгъэсауэ зыми хуэмыдэу уафэхэми щIылъэми щыIэр къэзыгъэщIар? Хэт цIыхур къэзыгъэщIар? Хэт абы зэхихыу, илъагъуу зыщIар? Акъыли хэт езытар? Хэт абы зыгуэр къищIэфу икIи къыгурыIуэу зыщIар? Дауэрэ къыдгурыбгъэIуэфыну уи Iэпкълъэпкъми нэгъуэщI къэгъэщIауэ хъуам я Iэпкълъэпкъми хэт зэтегъэпсыхьыныгъэхэр зэрылажьэр нэгъэсауэ? Хэт ахэр къэзыгъэщIахэр? Дауэрэ зэтеувэрэ икIи зиIыгърэ мы дунеишхуэм и унафэ зэрызэхэзекIуэу хъуар, ахэр зезыгъакIуэр…