Ислъамыр Алыхьым и лIыкIуэхэм я динщ
Ислъамыр дунейуэ хъуар къэзыгъэщIауэ ар зезыгъакIуэ Алыхьым ухуэжыIэщIэныращ, Абы и унафэм ущIэтыныращ бгъэлъапIэу икIи фIыуэ плъагъуу. Ислъамым и тегъэщIапIэр Алыхьыр уи фIэщ хъуныращ, Ар и закъуэу КъэзыгъэщIщ, адрейуэ хъуар къэгъэщIащ. А зыращ хуэпщылIыныр зыхуэфащэр, гъусэ иIэкъым Абы. НэгъуэщI зыми хуэпщылIыныр хуэфащэкъым Абы фIэкIа. Абы иIэщ цIэ дахащэхэмрэ сыфэт лъапIэхэмрэ. Ар сытым хуэдэ лъэныкъуэкIи нэгъэсауэ фIыщэщ, зы ныкъусаныгъи иIэкъым. Ар зыми къилъхуакъым, Езыми зыри къилъхуакъым, щыIэкъым Абы хуэди, Абы ещхьи. Ар къигъэхъуахэм щыщу зыми хыхьэкъым, абыхэми яхэту щыткъым.
Ислъамыр Алыхь ЛъапIэм и динщ, а диным нэгъуэщI къабыл ищIкъым Абы цIыхухэм зэрахьэну. Аращ лIыкIуэу хъуам, Алыхьым и сэламыр зылъысын, къахьауэ щыта диныр.
Ислъам диным и лъабжьэхэм щыщщ лIыкIуэу хъуар уи фIэщ хъуныр. Алыхьым лIыкIуэу къигъэкIуауэ хъуам Абы и унафэхэр и пщылIхэм нагъэсын хуейуэ арат, абыхэм Тхылъхэри къахуригъэхащ. ЛIыкIуэхэм яужьрейр Мухьэмэдщ, Алыхьым и сэламыр зылъысын. Алыхьым ар къигъэкIуащ и шэрихьэт иужьрейр къихьауэ, а шэрихьэтым адрей шэрихьэту ипэкIэ щыIауэ хъуари тригъэкIащ. Алыхьым абы нэщэнэшхуэхэр иритащ, а нэщэнэхэм я нэхъ ин дыдэр КъурIэн ЛъапIэращ, дунейуэ хъуам и Тхьэм и псалъэщ ар. ЦIыхубэм игъащIэкIэ ялъэгъуа тхылъхэм я нэхъ лъапIэщ ар. Абы итри, и псалъэхэри, зэрызэхэтри телъыджэщ. Абы итщ захуагъэм ухуэзышэр, дунейми, ахърэтми я тхъэгъуэм унэзыгъэсыр. Ар нобэ къыздэсым хьэрыпыбзэкIэ къызэрехам хуэдэу хъумащ, зэхъуэкIыныгъи хэлъкъым, и зы хьэрыфи зэблэдзакъым.
Ислъамым и лъабжьэхэм щыщщ итIани мелыIычхэр уи фIэщ хъуныр, Къемэт махуэри уи фIэщ хъуныр. А махуэм Алыхьым цIыхухэр къигъэхъужынущи я кхъэхэм къыщIишыжынущ ялэжьахэм хуэфащэр яригъэгъуэтыным папщIэ. ФIы зыщIауэ Iиман къэзыхьауэ щытахэм тхъэгъуэ мыухыжыр яхуэгъэхьэзыращ жэнэтым. Джаурхэу мыхъумыщIагъэ зыщIахэм ягъуэтынур хьэзаб ин жыхьэнэмэм. Ислъамым и лъабжьэхэм щыщщ итIани Алыхьым пхухихар уи фIэщ пщIыныр - ар фIыми, Iейми.
Муслъымэнхэм Iиман къахьыр Хьисэ Алыхьым зэрипщылIыр икIи зэрилIыкIуэр, ар Алыхьым зэримыбыныр. Алыхьыр Инщ, иIэкъым абы щхьэгъуси, быни. Ауэ Алыхьым хъыбар дигъэщIащ КъурIэным Хьисэ бегъымбару зэрыщытар, Алыхьым абы телъыджагъэ куэд иритат. ИкIи Алыхьым ар игъэкIуащ и лъэпкъыр Алыхь закъуэу гъусэ зимыIэм хуэпщылIыну къыхуриджэну. Абы хъыбар дигъэщIащ Хьисэ цIыхухэр къызэрыхуримыджэтэр езым хуэпщылIынухэу, атIэ езыри КъэзыгъэщIам хуэпщылIт.
Ислъамыр псэр къызэрыгъэщIамрэ акъыл захуэмрэ техуэ динщ, псэ захуэхэми ар къабыл ящIыр. КъэзыгъэщI Лъэщым а диныр яхуигъэуващ къигъэщIахэр тетынхэ щхьэкIэ. Ар цIыху псоми щхьэкIэ фIымрэ насыпыфIагъэмрэ зыхухэлъ динщ. Зы цIыху лъэпкъыр адрейхэм къахигъэщкъым, фIыцIи, хужьи зыри нэхъыфIу ибжкъым. ЦIыху псори зэхуэдэу ебжыр, Ислъамым зыри адрейм къыщхьэщыкIкъым зыкIи, и IуэхуфIхэмкIэ фIэкIа.
ЦIыху акъыл зиIэ къэс и фIэщ хъун хуейщ Алыхьыр абы и Тхьэуэ зэрыщытыр, Ислъамыр и дину къищтэн хуейщ, Мухьэммэд и бегъымбару и фIэщ хъун хуейщ. А IуэхумкIэ цIыхум хэдэ иIэкъым, сыту жыпIэмэ Къемэт махуэм абы къеупщIынухэщ, сыт хуэдэ жэуап ярита лIыкIуэхэм. Iиман къихьауэ щытамэ, ар ехъулIащ икIи и насып къихьащ, ауэ джауру щытамэ, ар егъэлеяуэ хэкIуэдащ.
Ислъамым ихьэну хуейм жиIэн хуейщ: "Щыхьэт къызохь Алыхьым нэгъуэщI тхьэ зэрыщымыIэр, Мухьэмэди Алыхьым зэрилIыкIуэр". А псалъэхэм къикIыр ищIэн хуейщ, и фIэщи хъун хуейщ. Апхуэдэу ар муслъымэн мэхъур. ИужькIэ диным епха адрей Iуэхухэр зэригъэщIэн хуейщ мащIэ - мащIэурэ, Алыхьым къытрилъхьахэр игъэзэщIэн щхьэкIэ.
Нэхъыбэ къэпщIэну ухуеймэ: https://byenah.com/ar/discover-islam