ЦIыхур къызэрыхъуам техуэ насыпым и дин Алыхь ГущIэгъущIу, ГущIэгъур зыхэлъым и цIэкIэ
Зэ уи щхьэкIэ узыщIэупщIэжат уэ:
"Хэт уафэхэри щIылъэри, абыхэм инышхуэу тетри къэзыгъэщIар? Хэт дунейр зэрызекIуэр нэгъэсауэ къэзыгъэщIар?
Мы дыкъэзыухъуреихь дуней телъыджэшхуэр дауэрэ зэхэт икIи зекIуэрэ унафэ нэгъэсахэм тету илъэс бжыгъэ куэд дэкIами абыхэм темыкIыу?
Мы дунейм езым зыкъигъэхъужауэ пIэрэ? Е зыщIыпIи къимыкIауэ апхуэдэу къыщыхутауэ пIэрэ мыбдежым? Е напIэзыпIэм апхуэдэу къэхъуауэ пIэрэ?
Хэт а уи Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр икъукIэ нэгъэсауэ е нэгъуэщI псэущхьэхэми я зэхэлъыкIэр хэт зэхэзыгъэувар?
Зыри арэзы хъунукъым мы унэр зыми имыщIауэ езыр-езыру къэхъуауэ жетIэмэ! Е жетIэмэ зы парэми мы унэр къыхэмыкIауэ! АтIэ дауэ цIыху гуэрхэм я фIэщ хъурэ мы дунеишхуэр къэзыгъэщIа имыIэу езыр-езыру къэхъуауэ? Дауэрэ акъыл захуэм къабыл ищIыну мы зэхэтыкIэ нэгъэсауэ дунеишхуэм иIэр напIэзыпIэм къэхутауэ?
Шэч хэмылъу щыIэщ Тхьэ Лъэщ КъэзыгъэщI, ЗезыгъакIуэ мы дунеишхуэри, абым щыIэу хъуари. Ар Алыхь ЛъапIэу Лъагэращ.
Тхьэ ЛъапIэм къытхуигъэкIуащ дэ лIыкIуэхэр, абыхэми Тхылъхэр къахуригъэхащ, аращ уэхьи зыжраIэр. Абыхэм ящыщу иужьрей дыдэр КъурIэн ЛъапIэращ, ар Алыхьышхуэм къыхуригъэхащ иужьрей лIыкIуэ Мухьэмэд. Абы и Тхылъхэмрэ, и лIыкIуэхэмрэ къахэкIыурэ дэ дигъэщIащ:
- Езым зыкъыдигъэщIащ, и сыфэтхэмрэ дгъэзэщIэну ттелъымрэ дигъэщIащ, итIани дэ тхуигъэфащэри къыдигъэщIащ.
- Абы дыхуиунэтIащ къыдгуригъаIуэу Ар зэры-Тхьэ закъуэр, псори Абы къызэригъэщIар, Ар зэрыпсэур, зэи зэрымылIэнур, къигъэхъуауэ хъуар Абы и IэмыщIэм зэрилъыр икIи Абы и унафэмрэ и мылъкумрэ зэрыщIэтыр.
Абы дигъэщIащ и сыфэтхэм зэрыщыщыр щIэныгъэр, и щIэныгъэми сытри зэрызэщIиубыдэр. Ар Зэхэзыхщ, Зылъагъущ, зыри щыхъума хъукъым Абы щIылъэми, уафэми.
Тхьэр Псэущ, Зыми хуэмыныкъуэщ, псоми къигъэхъуахэм я гъащIэхэр зи дежым къикIщ, Закъуэщ, ЛъапIэу Лъагэщ. Ар Псоми гъащIэ язытщ, Аращ къигъэхъуауэ хъуам я гъащIэр яхэзыгъэлъыр. ЖиIащ Алыхь ЛъапIэм: "Алыхьыращ Тхьэр, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Ар Псэущ, псори зэтезыIыгъэщ, Абы жеибащхъуи жеини ищIэкъым, уафэхэми щIылъэми щыIэр - псори Абы ейщ. Хэт Абы и пащхьэ зыгуэрым къыщхьэщыжыфынур, Езым хуит имыщIауэ? Абыхэм къапэщылъри, къащыщIахэри ещIэр, Езыр зыхуейращ щIэныгъэм щыщу зэрагъащIэр, Абы и тахътэм и лъабжьэм уафэхэри щIылъэри зэщIеубыдэ, ахэр ихъумэнри зыуикI къехьэлъэкIкъым, Ар Лъагэщ, Инщ". (Сурэ Аль-Бэкъэрэ: 255)
- Абы дигъэщIащ Ар зэры-Тхьэр сыфэт нэгъэсауэ хъуар иIэу. Абы къыдитащ акъылыр, зэрызыхэтщIэхэр, телъыджэу къигъэщIахэмрэ и лъэщыныгъэмрэ къыдгурыIуэным папщIэ. Абым дыхуешэр дэ Абы и Лъэщагъэм, Къарум, ныкъусаныгъэ зэримыIэм и сыфэтхэм. Абы къытхилъхьащ зэхэщIыкI, Абы ныкъусаныгъэ зэримыIэм дыхуишэу, Абы зыри щыщIэныгъэ зэримыIэр.
- Дэ къэтщIащ Тхьэр уафэхэм ящхьэ зэрыщыIэр, дунейм зэрыхэмыхьэр, дунейри Абы зэрыхэмыхьэр.
- Абы дигъэщIащ дызэрыхуэжыIэщIэн хуейр, ЛъапIэу Лъагэм, Аращ дыкъэзыгъэщIар, дунейр псори къэзыгъэщIауэ зезыгъакIуэр.
КъэзыгъэщIам иIэщ сыфэт лъапIэхэр, Ар зыгуэр хуэныкъуэуи, ныкъусаныгъэ иIэуи жыпIэ хъунукъым. Тхьэм щыгъупщэкъым, жейкъым, шхыни ишхкъым, икIи иIэфынукъым Абы щхьэгъуси, быни. Дэтхэнэ псалъэхэу КъэзыгъэщIа ЛъапIэм ныкъусаныгъэ гуэр иIэу итмэ, ар уэхьи пэжым щыщкъым Алыхьым и лIыкIуэхэми, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысынхэ, къахьакъым ар.
Тхьэуэ КъэзыгъэщIыр уи фIэщ хъумэ, зы махуэ гуэрым упщIэ зэптыжакъэ уэ: "Сытым щхьэкIэ укъигъэщIа Абы? Сыт Абы дигъэщIэну зыхуейр? Сыт хуэдэ мурад Абы дыкъызыхуигъэщIар?
Алыхьым дыкъигъэщIу и нэIэ къыттримыгъэту дыкъигъэнауэ хъуну? Алыхьым псори къигъэщIахэм мурад пари хуимыIэу икIи нэщэнэу зыми хуэмыкIуэу къигъэщIауэ хъуну?
Пэжыр аращи, Тхьэ КъэзыгъэщIу Лъэщым, Алыхьым щыгъуазэ дищIащ дыкъыщIигъэщIауэ мураду къытхуиIэм. Ар хуэпщылIыныращ Алыхь закъуэм. Сыт зыхуеинур хуэтщIэну?! Абы дигъэщIащ, зыми зэрыхуэмыфащэр хуэпщылIынухэу, Абы и закъуэ фIэкIа. Абы гурыIуэгъуэ тхуищIащ лIыкIуэхэу къытхуигъэкIуахэм къытхуахьу, дызэрыхуэпщылIын хуейр Абы дауэми. Дауэрэ благъэ дыхуэхъуну Абы унафэу къытхуищIахэр дгъэзащIэу, къытхуимыдахэм пэжыжьэ зытщIурэ? Дауэрэ Абы и арэзыныгъэр къэдлэжьыну? Дауэрэ и тезырым зыщытхъумэну? Абы дигъэщIащ дызыхуэкIуэжынур ди псэхэр хэкIа иужькIэ.
Абы дигъэщIащ мы ди гъащIэр къыщIыдитар дихутэн щхьэкIэщ, гъащIэ пэжыр, нэгъэсар ахърэтыращ псэр хэкIа иужькIэщ.
Абы дигъэщIащ Алыхьым унафэ зэрищIам хуэдэу хуэпщылIым, мыхъуну жыхуиIам пэжыжьэу щытым гъащIэ дахэ зэриIэнур мы дунейм, ахърэтым мыухыж тхъэгъуи зэриIэнур. Абы емыдэIур, Ар зи фIэщ мыхъур мы дунейм щынасыпыншэщ, ахърэтми хьэзаб мыухыж къылъысынущ.
Дэ дощIэр цIыху къэскIэ шэч хэмылъу мы дунейм фIыуи, Iейуи ищIам хуэфащэр зэригъуэтыжынур. АтIэ щымыIэну ара тезыр залымыгъэ зыщIахэм щхьэкIэ? ИкIи щымыIэну ара фIы зыщIахэм щхьэкIэ псапэ?
Ди зэманым зыхуэпщылIхэм дыщеплъкIэ иджыпсту, дэ тлъагъунущ зыр цIыхум хуэпщылIу, адрейр мывэ сыным хуэпщылIу, адрейр вагъуэм хуэпщылIу н.къ. Акъыл зиIэ цIыхур зыхуэпщылIын хуейр дунейуэ хъуам я Тхьэращ, ныкъусаныгъэ зимыIэращ и сыфэтхэм. Дауэрэ ар зэрыхуэпщылIыр езым хуэдэу къэгъэщIа гуэрым? Е езым нэхърэ нэхъ цIыкIужым! Щытыфынукъым зыхуэпщылIыр цIыхуу, мывэ сыну, жыгыу, хьэкIэкхъуэкIэу!
ЦIыхухэм ягъэдину хъуар нобэ, Ислъам диным мыхъумэ, Алыхьым къабыл ищIынукъым. Ахэр цIыхухэм зэхалъхьа динхэщ. Е ахэр Алыхьым къыригъэха динхэт, ауэ итIанэ цIыхухэм ахэр зэрахъуэкIахэт езыхэм я IэхэмкIэ. АтIэ Ислъамыр дунейхэм я Тхьэм и динщ, зихъуэжкъым, зэхъуэкIаи хъукъым. А диным и Тхылъыр КъурIэн ЛъапIэращ, ар Алыхьым къызэрыригъэхам хуэдэу хъумауэ къэна Тхылъщ. Ар яIэщIэлъщ муслъымэнхэм я Iэхэм нобэр къыздэсым иужьрей лIыкIуэм къызэрыхуеха бзэмкIэ.
Ислъамым и лъабжьэхэм щыщщ лIыкIуэу Алыхьым къигъэкIуахэу хъуар уи фIэщ хъуныр. Ахэр псори цIыхухэт, Алыхьым абыхэм яритащ нэщэнэхэмрэ телъыджагъэхэмрэ иригъэбыдэхэу. Ахэр къигъэкIуащ и пщылIхэр къыхураджэну Абы и закъуэу гъусэ зимыIэм хуэпщылIыным. Иужьрейр лIыкIуэхэм щыщу Мухьэмэд бегъымбарыращ, Алыхьым и сэлатымрэ и сэламымрэ зылъысын. Абы щIыгъуу Алыхьым къригъэхащ иужьрей Тхьэм и деж къикIа шэрихьэтыр, абы адрей шэрихьэтхэр псори Iуихыжащ. Алыхьым абы иригъэбыдэну иритащ нэщэнэшхуэхэр, абыхэм щыщу нэхъ ин дыдэр КъурIэн ЛъапIэращ, ар дунейхэм я Тхьэм и псалъэщ, ар цIыхубэм ящIэ тхылъ псом нэхърэ нэхъ ЛъапIэщ. Ар телъыджэщ итымкIи, и псалъэхэмкIи, зэрызэхэтымкIи, и унафэхэмкIи. Абы итщ пэжым ухуэзышэр, насыпым унэзыгъэсыр мы дунейми ахърэтми. Ар къехащ хьэрыпыбзэкIэ.
Куэдщ акъылым и щыхьэтлыкъхэри, щIэныгъэми и щыхьэтлыкъхэри къагъэпэжу шэч хэмылъу КъурIэныр Алыхьым ЛъапIэу Лъагэм зэрипсалъэр, ар цIыхум зэрызэхимыгъэувар.
Ислъамым и лъабжьэхэм щыщщ итIани мелыIычхэр уи фIэщ хъуныр, Къемэт махуэр уи фIэщ хъуныр, Алыхьым цIыхухэр я кхъэхэм Къемэт махуэм къызэрыщIигъэкIыжынур ялэжьахэмкIэ къахьар яритыжыным папщIэ. ФIы зыщIам фIэщхъуныгъэ иIэу хуэфащэщ тхъэгъуэ зэпымычыр жэнэтым. Джауру Iейхэр зыщIам атIэ хуэфащэщ жыхьэнэмэм и хьэзаб мыухыжыр. Ислъамым и лъабжьэхэм щыщщ итIани уи фIэщ хъуныр Алыхьым псори къызэрытхуитхар, ар Iейми фIыми.
Ислъам диныр уи гъащIэр зэрепхьэкIынум и теплъэ нахуэщ. Ар тохуэр цIыхум хэлъу къэхъуа гухэлъми, акъылми, псэ захуэхэм ар къабыл ящIыр, ар КъэзыгъэщIа Лъэщым игъэунэхуащ шэрихьэту къигъэхъуахэм щхьэкIэ. Ар фIымрэ насыпымрэ и динщ цIыхухэм щхьэкIэ мы дунейми ахърэтми, зэхидзкъым абы цIыхухэр лъэпкъкIэ е я щIыфэм и плъыфэкIэ, цIыхухэр псори зэхуэдэщ а диным. Ислъам диным зыр адрейм къызэрыщхьэщыкIыр и IуэхуфI ищIахэращ.
Алыхьым КъурIэн ЛъапIэм и деж къегъэбыдэр, Алыхьыр Тхьэуэ икIи зыхуэпщылIу уи фIэщ пщIыныр, Ислъам диныр уи фIэщ пщIыныр, Мухьэмэд зэрылIыкIуэри уи фIэщ пщIыныр, Ислъам диным уихьэныр зэрыIуэху фIэкI зимыIэр, цIыхум ар ищIэн хуейщ икIи хэдэну хуиткъым. Къемэт махуэм щыIэнущ лъытэнри, хуэфащэр лъыгъэсынри. Пэжу Iиман къэзыхьауэ щытар ехъулIащ икIи гуфIэгъуэшхуэ къылъысащ. Джауру щытар атIэ кIуэдыкIейуэ хэкIуэдэжащ.
Ислъам диным ихьэну хуейм жиIэн хуейщ: "Щыхьэт къызохьыр Алыхьым нэгъуэщI тхьэ зэрыщымыIэр, Мухьэмэд Алыхьым зэрилIыкIуэр", - и мыхьэнэр ищIэу, ар и фIэщ хъууэ. Апхуэдэу ар муслъымэн мэхъур. ИтIанэ абы зэригъэщIэн хуейщ Ислъамым и шэрихьэтым нэгъуэщI епхауэ хъуар мащIэ-мащIэурэ, Алыхьым унафэу къыхуищIар игъэзэщIэн папщIэ.
Нэхъыбэ къэфщIэн папщIэ: https://byenah.com/ar