"Зыгуэрым и къуэшыр фIыуэ илъэгъуамэ, жреIэ абы фIыуэ зэрилъагъур".
Ал-Микъдам бин Махьди Кэриб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жиIэжащ бегъымбарым, сэлатымрэ сэламымрэ зылъысын, жиIауэ:
"Зыгуэрым и къуэшыр фIыуэ илъэгъуамэ, жреIэ абы фIыуэ зэрилъагъур".
«إِذَا أَحَبَّ الرَّجُلُ أَخَاهُ فَلْيُخْبِرْهُ أَنَّهُ يُحِبُّهُ».
Бегъымбарым, сэлатымрэ сэламымрэ зылъысын, гурыIуэгъуэ ищIащ Iиман къэзыхьахэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр нэхъ быдэ зыщI щхьэусыгъуэхэм щыщ зы, ахэр фIыуэ зэрылъагъуныр нэхъ зезыгъэубгъур. Ар зыгуэрым и къуэшыр фIыуэ илъэгъуамэ, жриIэныращ ар фIыуэ зэрилъагъур.
Алыхь ЛъапIэ Закъуэм щхьэкIэ фIыуэ зыгуэр плъагъуным пщIэуэ хэлъыр, ар дуней Iуэхухэм щхьэкIэкъым.
Зыгуэр Алыхьым щхьэкIэ фIыуэ плъэгъуамэ, абы ебгъэщIэну дэгъуэщ фIыуэ зэрыплъагъур, лъагъуныгъэмрэ гуапэу зэхущытынымрэ нэхъри быдэ хъун папщIэ.
Лъагъуныгъэр Iиман къэзыхьахэм яку зебгъэубгъумэ, абыхэм я зэкъуэшыныгъэ Iиманым къыхэкIыр егъэбыдэр, цIыхухэри зэгуэмыкIыну, зэхэмыкIыну къехъумэр.
Абу Дауд и "Сунэн" (7/ 444) (5124).
Ат-Тирмизи и "Сунэн" (4/ 199) (2392).
Ан-Нэса1и и "Ас-Сунэн Ал-Кубра" (9/ 87) (9963).
Ахьмэд и "Муснэд" (28/ 408) (17171).
Нэхъыбэ (12)
بهجة الناظرين شرح رياض الصالحين.
لسليم الهلالي (1/ 450).
تطريز رياض الصالحين.
لفيصل المبارك (ص258).
رياض الصالحين للنووي.
(ص138) (383).
سلسلة الأحاديث الصحيحة وشيء من فقهها وفوائدها.
للألباني (1/ 777).
فيض القدير شرح الجامع الصغير.
للمناوي (1/ 247).
كنوز رياض الصالحين.
لمجموعة من الباحثين (6/ 279).